Перевод: c черкесского на русский

с русского на черкесский

щIы щIагъ

  • 1 щIы

    / Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цIыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ.
    * Дунейм щIалэгъуалэу тетыр фызэгухьэм, ЩIым мамырыгъэр тепщэ щыхъунщ. Iуащхь.
    2. почва, верхний слой земной коры
    / ЩIы хъурейм и щхьэ къат и щIыIу.
    * Сенрэ Мэзанрэ ныбэгукIэ щIым зыхадзэри тIэкIурэ щылъащ, хьэкъей гуэрэн лъахъшэм хэлъу. Ж. Б.
    3. еплъ щIыгулъ. ЩIы фIыцIэ. ЩIы пшэр.
    4. страна
    / Къэрал, хэку.
    Нэмыцэр ди щIым къихьэгъащ.
    ЩIы зэдэшх хъун оказаться равными по силе ( в национальном виде борьбы). ЩIалитIыр зэбэныхукIэ зэрытемыгъакIуэу щIы зэдэшх мэхъу.
    ЩIы фIыцIэм ихун сжить со света. Дзэ узым щIы фIыцIэм ирихун.
    ЩIы фIыцIэжьым щIэгъэлъэдэн закопать в землю, сжить со света.
    * Ар губжьащи щIы фIыцIэжьым ущIигъэлъэдэнщ.
    ЩIы фIыцIэм щIыхьэн провалиться сквозь землю.
    * - Елдар гъусэ щIыи зегъэхь. ЩIы фIыцIэм щIыхьами, къэгъуэт, - жиIащ {Инал}. КI. А.
    ЩIы хъурей земной шар.
    ЩIы щхьэфэ хъун! дай бог, чтоб ты превратился в прах! ( проклятие).
    ЩIым и гъунэ очень далеко; за тридевять земель. ЩIым и гъунэ щыIэн.
    ЩIым икIыжын исчезнуть, пропасть.
    ЩIым кIуэцIрыхун = щIы фIыцIэм щIыхьэн.
    ЩIым нэмыгъэсу зехьэн (лъагъун) безмерно любить, лелеять кого-л. ; с любовью и уважением относиться к кому-л. (напр. к родителям).
    * Зым нэхърэ адрейр нэхъ лIыхъужьу дэлъхуибл иIэт хъыджэбзым, икIи я шыпхъу закъуэр абыхэм щIым намыгъэсу ялъагъурт. Ад. таур.
    ЩIым псэ къыхэхьэн пробуждаться с наступлением весны ( о почве). ЩIым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щIадзэ.
    ЩIым пхрыхуам нэхъ къэщтэн предпочесть что-л. чему-л.
    * Фызыр апхуэдизкIэ укIытати, щIым пхрыхуам нэхъ къищтэнт.
    ЩIым щыщ щIыжын сровнять с землей. Унэ цIыкIур щIым щыщ ящIыжащ.
    ЩIым щIэпщхьэным хуэдэу = щIым пхыхуам нэхъ къэщтэн. ЩIым щIэпщхьэным хуэдэу укIытэн.
    ЩIым щIэхуэн = щIы фIыцIэм ихун.
    * ЩIыр бжьэкIэ къепщри, къыпыщым тоувэ. Ад. таур.
    ЩIыр бзэгупэкIэ егъэбзеин = щIыр лъэдакъэпэкIэ егъэвэн нагнать страху.
    ЩIыр гъэпшэрын удобрять землю. ЩIыр куэншыбкIэ ягъэпшэр.
    ЩIыр зэгуэхуу я кум дэхуэн. Провалиться сквозь землю.
    * Иныжьыр абдеж иIэпхъукIри щIыр зэгуэхуу я кум дэхуа фIэкIа умыщIэну бзэхащ. Ад. таур.
    ЩIыр зехьэн ухаживать на землей.
    ЩIыр хъеин трястись ( о земле).
    ЩIыр щхьэцыкIэкIэ егъэпхъэнкIын = щIыр лъэдакъэпэкIэ егъэвэн.
    * Дарихъан сымаджэ хьэлъэу, уз къыхэлъадэм и кIуэцIыкIыщIэр ичатхъэр гызу, хуэмышэчыжу щIыр IэгуфэкIэ игъазэу зепщыпщэу.. {щытащ}. КI. Т.
    щIы гъунэ 1. край земли, край света
    / Дунейм и гъунэ, и кIэ.
    * - ЩIы гъунэм фыкIуэми, фысIэщIэкIынкъым, - жиIэрт иныжьым. фольк.
    2. граница
    / Зыгуэрым бгъэдэлъ щIыр щиух.
    * Вгъэбыдэ фи Iуэхур щIы гъунэм, Вгъашхэ шагъдийхэр. П. Б.
    щIы кIапэ см. щIы гъунэ.
    * Индыр хъаныр тхьэгурымагъуэт, и щIы кIапэ къытехьэр занщIэу къищIэрт. фольк.
    щIы къат слой, пласт земли
    / Хэлъ пкъыгъуэхэм елъытауэ, плъыфэкIи щытыкIэкIи щIыр IупщIэ-IупщIэу зэрызэщхьэщыкIхэм ящыщ зы.
    Лъэпщ и сыджыр щIы къатибл и кууагъыу хэтIат. Нарт.
    щIы къатибл религ. ад, преисподняя
    / Диным къызэригъэлъагъуэмкIэ лIахэм я псэр здэкIуэж щIы щIагъым щыIэ дуней; ахърэт.
    * -ЩIы къатиблым къыщIэпхами къэгъуэт, - аращ Инал жиIар. КI. А.
    ЩIы къатибл ухъу провались ты в тартарары.
    ЩIы къатиблкIэ щIэулъадэ = щIы къатибл ухъу.
    ЩIы къатиблым ежэхын = щIы къатибл ухъу.
    ЩIы къатиблкIэ кIуэцIрыхун = щIы къатибл ухъу.
    щIы ныкъуэхь наем земельного участка с выплатой половины урожая хозяину
    / Бэджэндэу къащта щIы Iыхьэ, гъавэу къытрахым и ныкъуэр щIыр зейм ептын хуейуэ.
    / Зи кIэбдз лъакъуитIыр нэхъ кIыхь губгъуэ дзыгъуэ лъэпкъ.
    щIы шэуэжа залежная земля
    / Явэу щытауэ илъэс зыбжанэкIэ ямывэжа, зытемылэжьыхьыжа щIы Iыхьэ.
    ЩIы шэуэжахэми гъавэ тращIэу щIадзэжащ.
    щIы щхьэфэ поверхность земли
    / ЩIым и щхьэ къат.
    щIы щIагъ подземелье
    / ЩIым и щIагъ.
    II устар. зима
    / Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ яку дэлъ щIыIэгъуэ зэман; щIымахуэ.
    Гъэрэ щIырэ зэхэкIа нэужьщ жылэр щIым щыхалъхьэр.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIы

  • 2 метро

    метрополитен, метро
    / МафIэгухэр щызекIуэ щIы щIагъ.
    МетрокIэ зекIуэн. Метром щIыхьэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > метро

  • 3 туннель

    туннель
    / Зыгуэрым пхыкIыу, кIуэцIрыкIыу щIы щIагъ, бгы лъабжьэ с. ху. щаухуа гъуэгу е псы жапIэ.
    Тунель ухуэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > туннель

  • 4 щIэлъхьэн

    (щIелъхьэ) перех. гл. 1. положить что-л. куда-л., подо что-л.
    / Унэ с. ху. е щIагъ гуэрым зыгуэр щыгъэтIылъын.
    Джэдкъуртым джэдыкIэ щIэлъхьэн.
    * Жэмыхъуэжь и шыр лIати, и шым и хьэдэр къищтэри и блыгу щIилъхьэри кIуащ {Гъуд-гъуд къалэ}. Ад. фольк.
    2. похоронить кого-л.
    / Хьэдэр мащэм илъхьауэ щIы тетхъуэжын.
    * {Къамболэт:} Модэ, ди гъунэгъу зеиншэ фызыжь Къасыху щыIэжкъым. Жэмыхьэтыр дызэхыхьэу щIэтлъхьэну арщ. Таур. хъыб.
    ФIыншэ щIэлъхьэн см. фIыншэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIэлъхьэн

  • 5 щIэхуэн

    I (щIехуэ) перех. гл. 1. загнать кого-л. куда-л. (напр. корову в хлев)
    / Зыгуэр пхууэрэ (жэмыр) зыщIыпIэ щIэгъэхьэн. Жыг жьауэм шыгур щIэхуэн.
    2. притеснять, угнетать кого-л.
    / БэуапIэ, псэупIэ емытын.
    ХьинтIрэхьисэу щIэхуэн см. хьинтIрэхьисэу.
    ЩIым щIэхуэн см. щIы.
    II (щIохуэ) неперех. гл. попасть куда-л., подо что-л.
    / Псэуалъэ гуэрым и кIуэцIым, е щIагъ, лъабжьэ гуэрым деж щехуэхын.
    Унэм щIэхуэн.
    III (щIохуэ) неперех. гл. уместиться под чем-л., где-л. ( в помещении)
    / Зыгуэрыр зыщIыпIэ къемыцIыкIуэкIыу щIэзэгъэн.
    Куэд щIэхуэн.
    IV (щIохуэ) неперех. гл. стать козырным ( об игральных картах)
    / ЩIэхуа куэзыр хъун.
    ФIыцIэжьыр щIэхуэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIэхуэн

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»